НАКЪЫГЪЭМ 21-Р ДИ ЗЭХУЭДЭ ГУКЪЕУЭЩ..!

Урысей пащтыхьыгъуэм “е ди унафэм фыщIэтын е фIылIэн” жиІэу илъэсищэм щІигъукІэ иригъэкІуэкІа лъэпкъгъэкIуэд зауэм 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м адыгэхэр я адэжь хэку къричри, дунейм пшахъуэм хуэдэу ирапхъыхьащ. ЦIыхугъэм и тхыдэм бжыгъэ фIыцIагъэу тратха мы хэкукъутэр, лъэпкъгъэкIуэдыр къызэрыхъурэ илъэс 156 блэкIащ.

Урысей пащтыхьыгъуэр дунейм и тепщэ хъун папщIэ, Хьиндымрэ (Индиемрэ) Истанбылрэ я гъунэгъу хъун щхьэкІэ, и Iэ къихьэ къигъэнэтэкъым. Инджылыз колонист пащтыхьыгъуэм иубыда Хьинд щІыналъэр имыутIыпщын папщIэ; Уэсмэн пащтыхьыгъуэр Кавказымрэ Балканымрэ я гъунапкъэхэр хъумэнымкIэ адыгэхэр и барьеру (елъапIэу) илъагъурт. ЩІэгъэкъуэн нэпцІрэ гъэгугъэныгъэ защІэкІэ инджылызхэр, Маркс Карл зэрыжиІам хуэдэу, гуитІщхьитІ узыщІ щІагъыбзэкІэ къришэкІыурэ, лъэпкъгъэкІуэдым еплъакІуэт.

ЦІыхуцІэ зиІэм мы къэхъукъащІэр Іуэху ящІу ирипсэлъатэмэ, и макъыр хуиІэтатэмэ, дунейм абы иужь къэхъуа зытеукIэм хыхьэныр апхуэдизу тынш хъунтэкъым, икIи мелуанитІым нэс адыгэ лэпкъым и адэжь щІыналъэр ябгынэу дунейм пшахъуэм хуэдэу хэпхъа хъунтэкъым. Абы къыдэкІуэу жылэм езым и къарукIэ хэхъуэныр зэпыунтэкъым, щхьэхуиту псэуныр, и щІэнхабзэрэ и хабзэ-зэхэтыкІэрэ тетыныр зэпыуда хъунтэкъым икIи цIыхугъэм и дарэгъу щІэнхабзэм хэлъхьапхъэ и хьэкъыр IэщІэхэ хъунтэкъым.

Зи хэкур зрагъэбгына адыгэхэр къыщыхута хамэ щIынэлъэхэм псэун щрагъэжьэжащ. Щыпсэу щІыпІэхэм я адыгагъэр хъума щыхъун папщІэ, я щІэнхабзэмрэ я анэдэлъхубзэмрэ щІэрыщІэу къаІэтыжа хъун щхьэкІэ, демократие бэнэныгъэм хыхьащ.

1997 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм 15-19-м Дунейпсо Адыгэ Хасэм ирита лъэІу тхылъым ипкъ иткІэ, Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэмрэ (ООН) ЛIыкIуэншэ Лъэпкъхэмрэ Жылэхэмрэ я Зэгухьэныгъэм (ОННН) къащта унафэм тхыдэ и лъэныкъуэкІэ уеплъмэ, мыхьэнэшхуэ иІэщ. Унафэу къащтам

* Адыгэ лъэпкъым лъэпкъгъэкIуэд зыращІылІар ядэну,

* Адыгэхэр зи хэку зрагъэбгына лъэпкъыу ялъытэну,

* Адыгэхэр Урысейм икIи щыпсэу къэралыгъуэхэм я цIыхуу, лъэныкъуитIми хуиту щыпсэуфыну ядэну,

* Адыгэ лъэпкъыр я адэжь хэкум игъэзэжынымкIэ шэчыншэу гъэгугъэныгъэ иратыну.

и джэпсалъэщ.

Япэ дыдэри Тыркумрэ Урысей къэралыгъуэмрэ, адрей къэралыгъуэхэм нэхърэ нэхъэпэу, мы пэжыгъэхэм пщIэ хуищІынращ.

Журтхэм иращІылІа лъэпкъгъэкIуэдым “Холокост”, Ермэлыхэм я лъэпкъгъэкIуэдым “Медс Егхерн”, Суряни лъэпкъгъэкIуэдым “Сейфо”, Дерсим лъэпкъгъэкIуэдым “Тертеле” фІэщыгъэхэмкІэ еджэурэ къогъуэгурыкIуэ. Адыгэхэм 1864 гъэм къыхуихьа лъэпкъгъэкIуэдым кIуэдыжа убыхыбзэм хэт “Цыцэкун” псалъэмкIэ ягу къэгъэкIыж.

Ноби, ди жагъуэ зэрыхъущи, дунейм и щІыпІэ куэдым щекІуэкI зауэхэмрэ зытеукІэхэмрэ цІыхур зэхэзехуэн ещІ. Зи адэжь хэкур зрагъэбгына адыгэхэм хуэдэу курди, хьэрыпи, тыркумэни, суряни, езиди, чыристани я лъапсэр зэрапхъуэ, я щІыгухэм ираху, бэлыхь куэд ирагъэшэчыр…

Адыгэм и хэкур зэрибынэрэ илъэси 156-рэ щрикъум ирихьэлІэу и щхьэ кърикІуа нэщІэбжьэр иджыри зэ дигу къыдогъэкІыжыр… Адыгэхэм худэу зи хэку зрагъэбгына, зи щIыпIэр зыфIагъэкIуэда лъэпкъхэри дигу къыдогъэкIыжыр. Я анэдэлъхубзэр, я щІэнхабзэр, я фIэщхъуныгъэр хуиту, зэхуэдэу икIи демократие псэуныгъэм къыхуедджэу, дазэригъусэр ядгъэщІэну дыхуейщ.

ЖДК (Жылэхэм я Демократие Конгресс)

Жылэхэмрэ ФIэщхъуныгъэхэмрэ я Хасэ